Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

пшынэ Iэпэ

  • 1 пшынэ

    гармонь
    / Зи кур шэдыбжь теплъэ иIэу зекIуэ, макъамэ къызэрыкI Iэмэпсымэ.
    * Пшынэр мэбзэрабзэ, Iэгур мэжьых. Къ. Хь. Iэпэ пшынэр зэпагъэури Пшынэ фIыцIэр къыхахьащ. Япэу лъ. з.
    И пшынэм къыдэфэн (дежьуун) плясать под чью-л. дудку.
    * Молэм и пшынэм Къыдэфэ хэтмэ Уафэм дэплъейурэ Жэнэт хуолъыхъуэ. П. Б.
    пшынэ дыкъуакъуэ кабардинский музыкальный инструмент наподобие арфы
    / Зи пшынэбзэхэр, гъущI чыданэхэр къандес теплъэ зиIэ пхъэ дыкъуакъуэм ешэкIа пхъэ пшынэ.
    * Пшынэ дыкъуакъуэмрэ накъырэмрэ зыгъабзэ лIитIыр джэгуакIуэм дежьурт уэрэдыр лъагэу яIэту. Т. Хь.
    пшынэ Iэпэ клавиша гармони
    / Пшынэ щеуэкIэ чэзуурэ тракъузэу, трагъауэу ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ еблыха Iэпэхэр.
    * Пшынауэм пшынэр мащIэу зэгуех и къабзий IэпэхэмкIэ пшынэ Iэпэм ирожэри егъэбзэрабзэ. Iуащхь. Абы и дежым джэгуакIуэ Iэзэм и пшынэ Iэпэр хекъузэр. Щ. А.
    Пшынэ Iэпэр щIэуэн запасть - о клавише гармони.
    пшынэ Iэпэпс кожаное колечко для большого пальца на гармони
    / Пшынауэм и Iэпхъуамбэшхуэ ижьыр зэрылъ фэ тхьэгъу.
    Пшынэ Iэпэпсыр зэпычащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пшынэ

  • 2 Iэпэ

    1. палец ( руки)
    / Iэпхъуамбэ.
    2. клавиш, клавиша
    / Пшынэм, пианинэм макъ кърагъэкIын папщIэ тракъузэу иIэ пластинкэ.
    Пшынэ Iэпэ.
    Iэпэ жор щIын креститься.
    Iэпэ жьажьэ медлительный в работе.
    Iэпэ къыхуашиин показывать пальцем на кого-л.
    * Си ныбжьэгъу еджахэм сакъыкIэрыхуами, Iэпэ къысхуашийуэ дунейм сытетынкъым. Iуащхь.
    Iэпэ щабэ 1) нежная, легкая рука (напр. у врача). ИгъащIэкIэ а лIыжьми абы къыщIэхъуа бынхэми я гум илъынщ а дохутыр Iэпэ щабэр. Iуащхь. 2) мастерская рука.
    Iэпэ щIэгъэшэн загибать пальцы ( при счёте).
    Iэпэ щIэдзын кубано-зеленчукские = Iэ щIэдзын.
    IэпэкIэ емыIусэн не притронуться пальцем к чему-л.
    {И} Iэпэм дыщэ къыпощ на все руки мастер.
    {И} Iэпэм едзэкъэжын кусать локоть.
    * БлэкIахэр си гум къэкIыжмэ, слъэмыкIыу Iэпэм содзэкъэж. Б. Ф.
    Iэпэм къешэкIын вертеть кем-л.
    Iэпэр гъэтIеин рисоваться, фасонить.
    Iэпэр къищын блестеть, сверкать (напр. о мебели).
    Iэпэр шхэн руки чешутся.
    Iэпэр щIишэн судорогой свело пальцы руки.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > Iэпэ

  • 3 щIэуэн

    I (щIэуэ) неперех. гл. 1. вкинуть, вбросить что-л. во что-л., куда-л.
    / Ууэу зыщIыпIэ зыгуэр щIэгъэхуэн (мывэ). БгъуэнщIагъым мывэкIэ щIэуэн.
    2. выстрелить куда-л. (напр. в помещение)
    / ЗыщIыпIэ щIэхуэу фоч с. ху. уэн.
    Мэзым топкIэ щIэуэн.
    КIакхъур щIэуэн см. кIакхъу.
    Пшынэ Iэпэр щIэуэн см. пшынэ Iэпэ.
    II (щIоуэ) неперех. гл. 1. окунуться во что-л.
    / ткIуаткIуэ гуэрым щIигъэнэн; щIэмбрыуэн.
    Кхъуафэжьейм и пэр псым щIоуэ.
    2. переносное просторечие ошибиться в чем-л.
    / ЗыгуэркIэ хуабжьу щыуэн.
    * Пэжщ, дыщIэуащ ныжэбэ, ныбжьэгъу комвзвод, ауэ нобэ-ныжэбэ дгъэзэхуэжыну пIэрэ жызоIэри арщ. Iуащхь.
    III (щIоуэ) неперех. гл. 1. падать подо что-л., внутрь чего-л.
    / ЗыщIыпIэ щIэхуэу укIуриин.
    2. ввалиться куда-л. ( о многих)
    / ЗыщIыпIэ зэрыщIэгуэн.
    * Бжэр хаудри залымхэр тхьэмыщкIэ унэм щIэуащ. Гу. и у.
    3. залить что-л. ( водой)
    / Къиууэ зыщIыпIэ щIэлъэдэн (псыр).
    Унэм псыр щIэуэри и лъабжьэр щIилъэсыкIащ.
    IV (щIоуэ) неперех. гл. задевать что-л., касаться чего-л. своим верхом, щхьэкIэ лъэIэсын.
    * {ГъущIыпсэ} и щIыбым илъ дохъутейр унащхьэм щIоуэ. Iуащхь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIэуэн

  • 4 гъуагъуэ

    басовые клапаны на гармонике
    / Макъ гъум къикIыу пшынэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм тет пшынэ Iэпэ.
    Пшынэм и гъуагъуэр щIэуащ.
    * ГъуагъуиплI пшынэм Iэдэбыншэу Iуфэм къыщекIухь. Къэб. и ант.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > гъуагъуэ

  • 5 пшынэбзэ

    отверстие с клапаном под клавишей гармони
    / Пшынэ Iэпэ щIагъым иIэ жьы зекIуапIэр.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пшынэбзэ

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»